Налшык къалэ щ1ыналъэ администрацэм и 1этащхьэ Ахъуэхъу Таймураз зэ1ущ1э ядригъэк1уэк1ащ школ унафэщ1хэм. 1уэхугъуэу къа1этам нэхъыщхьэр егъаджэныгъэ 1уэхущ1ап1эхэм ц1ык1ухэр зэрыщагъашхэрат. Къэпщытэныгъэ иджыблагъэ ирагъэк1уэк1ам къигъэлъагъуахэм арэзы укъызэримыщ1ыр къыхигъэщащ къалэ унафэщ1ым. Апхуэдэуи къажри1ащ жэуап зэрахьынур 1уэхущытык1эр ирамыгъэф1ак1уэм. К1эщ1 — к1эщ1урэ еплъынущ еджак1уэм ирагъэшхыр зыхуэдэм. Ерыскъыхэк1ыу школхэм къа1эрыхьэм и ф1агъыр, и къабзагъыр зэхагъэк1ыу, адэк1э зыдэлажьапхъэхэр къыхахын хуейщ. Ахъуэхъум тк1ийуэ иукъуэдиящ школак1уэхэм я гъашхэнк1э ныкъусэныгъэ къыхагъэк1ыу къазэрыхуимыдэнур, уеблэмэ ар зымыгъэзащ1эхэм лэжьап1эм зэры1уагъэк1ынур. Зэ1ущ1эм и гугъу щащ1ащ къалащхьэм и еджап1эхэм медальхэр зэрыщат щ1ык1эм. Ар теухуат школ зыбжанэм апхуэдэ еджак1уэм я бжыгъэр егъэлеи1уауэ зэрыщытым.