Тек1уэныгъэ Иныр илъэс 77-рэ щрикъум , Урысей ДОСААФ ыр илъэс 95-рэ зэрыхъум и щ1ыхьк1э къэралпсоу хэкупсэ-зыхъумэжыныгъэ 1уэхугъуэхэр ирагъэк1уэк1. Абы ехьэл1а пэк1у щызэхэтащ Налшык къалэ Ф1ыщ1эм и Мыужьыхыж маф1эм деж. Хэкур зыхъумэу зи гъащ1эр зытахэм я фэеплъым я щхьэр хуагъэщхьын, удз гъэгъахэр мыбдеж щагъэт1ылъыну къек1уэл1ахэщ Юнармеецхэр, курсантхэр , жылагъуэ лэжьак1уэхэр, щ1алэгъуалэр. Февралым и 23 пщ1ондэ Хэк1у Зауэшхуэм Тек1уэныгъэшхуэ къызэрыщытхьрэ илъэс 77-рэ зэрырикъум теухуа зэ1ущ1эхэр, урок зэ1ухахэр, нэгъуэщ1 дзэ- хэкупсэ 1уэхугъуэхэр , спорт зэхьэзэхуэхэр зэхэтынущ.