Къэбэрдей – Балъкъэрым ерыскъыхэк1 къэгъэк1ын, абы елэжьынымк1э промышленностым 2021 гъэм ехъул1эныгъэу щызы1эригъэхьар къигъэна1уащ Кавказ Ищхъэрэм Бжыгъэмк1э и управленэм. Абык1э республикэм и 1энат1эхэм къыщ1агъэк1ащ сом миллиард 19 и уасэ. 2020 гъэм ебгъапщэмэ процент 10 –к1э щхьэдох. Гъэшым , шэм и куэдагъым процент 23 –к1э къыхагъэхъуащ. Шхум, кефиир л1эжьыгъуэр процент 9-м нэблагъэк1э нэхъыбэ хъуащ. Тхъу ц1ынэр процент 130 – м щ1игъук1э. Лым къыхащ1ык1ыр зы тоннрэ 500-м нагъэсащи, проценти140- к1э ипэ гъэм къыщхьэщок1. 2021 гъэм нарзанЮ псы 1эф1, пхъащхьэмыщхьэм къыщ1аху псы хуэдэхэмк1и ехъул1эныгъэхэр зы1эрыдгъэхьащ.