Хамэ къэралхэм к1уэну 1эмал зэрамыгъуэтыжрэ , Краснодар крайм зыщызыгъэпсэхунухэм я бжыгъэр хэпщ1ык1ыу нэхъыбэ хъуащ. Мы гъэм и бжэхэр къахузэ1уихащ Анапэ и зыгъэпсэхуп1э дахэхэм. Зыгъэпсэхуак1уэхэр къыдахьэхын , ягу къахьэхун, я нэгу зрагъэужьын папщ1э Анапэ къалэр ягъэщ1эрэщ1ащ, удз гъэгъарэ жыгыу хасэм уэрамхэр , паркхэр, псы 1уфэхэр ягъэдахэ. Абы к1уэнухэм папщ1э нэгузегъэужь 1уэхугъуэхэр ирагъэк1уэк1ынущ. Апхуэдэу зызыгъэпсэхунухэм я гуапэ хъунущ мы гъэм япэ дыдэу кхъухьлъатэк1э Анапэрэ Сочэрэ зэрызэпащ1ар.А гъуэгуанэм ихьынур сыхьэт иримыкъущ. Ди къэралым зыщагъэпсэхуным ц1ыхухэр трагъэгушхуэн папщ1э « Ростуризм»-м иригъэжьащ загъэпсэхуным трагъэк1уэда ахъшэм и 1ыхьэ гуэр яритыжыныр. Ар къигъэсэбэпыфынущ ди къэралым и зыгъэпсэхуп1эхэм къыщызэтеувы1эну зи мурад дэтхэнэ зыми.
Редактор: М.Т.Мизова