Къэбэрдей — Балъкъэрым и театр нэхъ инхэм театр гъуазджэмк1э 2022 гъэм и грантхэр къызэрахьамк1э унафэм 1э щ1идзащ республикэм и 1этащхьэ К1уэк1уэ Казбек. Илъэс къэс къызэрагъэпэщ зи хабзэ зэпеуэм къигъэлъагъуахэм ипкъ итк1э къэрал дэ1эпыкъуныгъэ ирагъэгъуэт театр коллективхэм творческэ проектхэр ягъэзащ1эн хуэдэу. Къэбэрдей — Балъкъэрым и 1этащхьэм и грантхэр сом мин 500 500 хъууэ хуагъэфащащ Щоджэнц1ык1у Алий и ц1эр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым, Кулиевым и ц1эк1э щы1э Балъкъэр къэрал драмэ театрым, Горький Максим и ц1эр зезыхьэ Урыс драмэ театрым. Къэралым Музыкэмк1э и къэрал театрым. Итщ къыдагъэк1а унафэм.