Ф1ык1э дигу къыдогъэк1ыж.Нобэ хуэдэ махуэу илъэс 90 и пэк1э 1932 гъэм дунейм къытехьащ тхак1уэ, литературэдж
гъуазджэм хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщ1а, журналист К1урашын Бет1ал. Ар Дзэлыкъуэ къуажэ къыщалъхуащ, къуажэ школым щеджащ, Налшык пединститутыр къиуха иужь Москва Луначарскэм и ц1эр зезыхьэ Театральнэ институтым щеджэ къэбэрдей студием адыгэбзэмк1э щригъэджэну ягъак1уэ. Абы илъэсиблк1э щы1ауэ Налшык къашэжри «1уащхьэмахуэ» журналым критикэмрэ драматургиемк1э и къудамэм и редактору ягъэув. Абы илъэсищк1э щылэжьауэ КъБ-р телевиденэм и редактор нэхъыщхьэу, иужьк1э литературэ драмэ къудамэм илъэс куэдк1э редактор нэхъыжьу щолажьэ пенсэм к1уэху.Бет1ал телевиденэм и адыгэ къудамэр зэф1эгъэувэным и зэф1эк1ыр езыхьэл1а журналистщ. Абы къызэригъэпэщурэ иригъэк1уэк1а « Хьэщ1эщ» тележурналыр а зэманым гунэс зыщымыхъуа щы1эу къыщ1эк1ынкъым.Апхуэдэщ Бет1ал тхак1уэхэм, щэнхабзэм,гъуазджэм и лэжьак1уэхэм ятеухуауэ и 1эдакъэ къыщ1эк1а творческэ портретхэр,теле-кино очеркхэр, телепостановкэхэр,нэгъуэщ1хэри.К1урашын Бет1ал УФ-м и журналистхэми Тхак1уэхэм я зэгухьэныгъэми хэтащ.Ар урысыбзэк1и адыгэбзэк1и зэхуэдэу тхэрт. Ф1ык1э дигу къинащ ди лэжьэгъур.
Редактор: М.Т.Мизова
Къэбэрдей-Балъкъэрыр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэси 100 щрикъум ирырагъэхьэлIэу, республикэм и къалащхьэмрэ и районхэмрэ зэIузэпэщ щIыным хуэгъэзауэ къыщрахьэжьа лэжьыгъэхэр и кIэм нэблэгъащ.
«Къалэ кIуэцIхэм тыншыпIэхэр къыщызэгъэпэщын» программэр гъэзэщIа хъуным хуэгъэзауэ, республикэм зыгъэпсэхупIэрэ цIыху екIуэлIапIэу иIэхэм ящыщу 13-р къагъэщIэрэщIэж.
Налшык къалэм и гугъу тщIымэ, ар, псом япэрауэ, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и щIыбагъымкIэ щыIэ лъэс къэкIухьыпIэ-етIысэхыпIэрщ. КIэлъыкIуэу, «Курортнэ» зыфIащауэ Долинск щыIэ зыгъэпсэхупIэрщ, Темрыкъуэ Идар и цIэр зезыхьэ уэрамышхуэм егъэщIылIа егъэзыпIэрщ, Амщокъуэ зэкъуэшхэм я цIэр зэрихьэу Вольнэ Аул щыIэ уэрамым къыщыунэхуа щхъуантIагъэ Iэрамэшхуэм и Iэгъуэблагъэрщ, Лениным и цIэр зезыхьэ проспектымрэ Тэрчокъуэм ейр зыфIащамрэ я зэпылъыпIэм пэгъунэгъу зыгъэпсэхупIэрщ, нэгъуэщIхэри.
ИщхьэкIэ къызэрыщыхэдгъэщащи, республикэм и адрей щIыналъэхэми щыIэ зыгъэпсэхупIэхэмрэ цIыху зекIуапIэхэмрэ ящыщ зыбжанэми, зи гугъу тщIа программэм ипкъ иту, лэжьыгъэ щрагъэкIуэкI. Апхуэдэу, Прохладнэм Лениным и цIэр зезыхьэ и уэрамым лъэныкъуэкIэ пыIудза лъэс зекIуапIэмрэ а районым хыхьэ «Победэ» колхозым щыщу Хэку Зауэшхуэм хэкIуэдахэм я фэеплъу а къалэм дэтым къедза етIысэхыпIэмрэ къагъэщIэрэщIэж. КъищынэмыщIауэ, Май къалэм и сабий джэгупIэр, Тырныауз и ут нэхъыщхьэр, Дыгулыбгъуей къуажэм кIуэцIрыкIыу Бахъсэн къалэм ухуэзышэ гъуэгу нэхъыщхьэм ижь лъэныкъуэмкIэ щыIэ и Iыхьэр.
Зи гугъу тщIа псоми лъэс зекIуапIэу яIэхэм иджырей мардэхэм къитIасэ плиткэхэр щралъхьэ, сабийхэмрэ ныбжьыщIэ цIыкIухэмрэ щыджэгу, я Iэпкълъэпкъым зыщрагъэужь хъуну утыкущIэхэр къыщызэIуах, къэзыгъэнэху уэздыгъэхэр дэнэкIи щыпадзэ. Лэжьыгъэ псори шыщхьэуIум къриубыдэу зэфIагъэкIынущ.
Налшык къалэмкIэ къедгъэзэкIыжынщи, автомобиль зекIуапIэ нэхъыщхьэу иIэхэм зэгъэзэхуэжыныгъэ лэжьыгъэхэм щыпащэ.
Редактор: М.Т.Мизова
Урысейм и Правительствэм и унафэк1э хамэ къэралхэм ирагъашэнущ сэхураным къыхащ1ык1 дагъэрэ жмыхрэ. Апхуэдэ зэф1эк1 къыдитащ продукцэ л1эужьыгъуэмк1э къэралыр ирикъуу къызэрызэгъэпэщам. Абы мэкъумэшыщ1эхэм къаритынущ фейдэ, я 1уэху ипэк1э игъэк1уатэнущ. Документым къызэрыщыгъэлъагъуамк1э, дагъэу хамэ къэрал ирагъашэм тонн мин 400 къыхагъхъуащ, жмыхым и куэдагъым къыыдыщ1агъуащ тонн мин 150-рэ.А щытык1эм тетынухэщ августым и 31 пщ1ондэ.
Р Губжокова
Маф1эсым пэщ1этынымк1э и къэрал 1уэхущ1ап1эр июлым и 18-м , нобэ, илъэс 95-рэ ирокъу. Урысей МЧС-м Къэбэрдей – Балъкъэрымк1э и Управленэ нэхъыщхьэм и и зкъудамэу хагъэхьат 2001 гъэм. 1уэхущ1ап1эм и тхыдэр епхащ минищэ бжыгъэк1э ц1ыху р насыпыншагъэм къыхэшын , маф1эсым мылъкур къегъэлыным. Я махуэшхуэми къулыкъум пэрытщ маф1эгъэунк1ыф1хэр. Къызэрымык1уэ къэхъукъащ1эхэм пэщ1этыным имызакъуэу , яужь итхэщ ар щымыгъэ1эным. .Республикэм и щ1ыналъэхэм илъэс дызыхэтым къэпщытэныгъэу 240-м нэблагъэ ирагъэк1уэк1ынущ.
Маф1эгъэунк1ыф1хэм зэрыжа1эмк1э, насыпыншагъэ нэхъыбэу къыщыхъур псэуп1э унэхэращ. И щхьэусыгъуэри ц1ыхур токук1э лажьэ 1эмэпсымэхэм зэрыхуэмысакъырщ, къызэщ1агъэста маф1эр мыунк1ыф1ыжыпауэ е к1элъымыплъу къызэрагъанэрщ. Абы теухуауэ къегъэлак1уэхэр ц1ыхум яхуозэр, ящхьэр зэрахъумэжынк1э йопсалъэхэр. Нобэ ямахуэ лъап1эмк1э дохъуэхъу махуэ къэс дыкъэзыхъумэ, 1энат1э гугъум пэрыт къегъэлак1уэ хахуэхэм.
Р Губжокова
Урысейм и Правительствэм и унафэщ1 Мишустин Михаил къыхилъхьащ Федерацэм ухуэныгъэ к1ыхьлыхьхэмк1э я реестр къызэрагъэпэщыну. Премьер – министрым къыхигъэщащ ик1эм яхунэмыгъэс 1энат1эхэм я щытык1эр зэрызэхуэмыдэр. Абы яхэтщ зэф1агъэк1арэ, инфраструктурэр яукъуэдияуэ, иджыри ямыт. 1уэхугъуэр зэтедухуэм ухуэныгъэхэм нэхъ елэжьынущ, документхэри п1алъэ к1эщ1к1э зэф1агъэк1ыфынущ, же1эр къулыкъущ1эм. Реестрым къыщагъэлъагъуэнущ гъэ ежьа 1энат1эхэм хуамурадыр, ухуэныгъэм адэк1э пащэну, нэгъуэщ1к1э я 1уэху зэрыхъунур. Првительствэм и унафэщ1ым же1эр: » Бюджет мылъку халъхьауэ к1ыхьл1ыхьу зэлэжьу къэралым шы1эщ мин бжыгъэк1э. Абы я 1уэху бгъэдыхьэк1э хъунур зэхуэдэкъым. Къыжы1апхъэщ сымаджэщхэм, поликлинникэхэм, сабий садхэм, нэгъуэщ1 социальнэ 1энат1эхэм ц1ыхухэр куэд щ1ауэ зэрыпэплъэр. Зэ1ущ1эм вице- премьер Хуснулин Марат и къэпсалъэныгъэм щ1эдэ1уа нэужь, Мишустин Михаил абы пщэрылъ щищ1ащ реестрым и къызэгъэпэщыным и нэ1э тригъэтыну .
Р Губжокова
Къэбэрдей — Балъкъэрыр къызэрагъэщ1рэ илъэс 100 зэрырикъум теухуа хуэ1ухуэщ1эхэм и зы 1ыхьэу Налшык щок1уэк1 « Моя провинция» фестиваль. Урысейм телевизионнэ фильмхэм, программэхэм я 23-нэ, радиом, прессэм я 16-нэ фестивальхэм ипкъ итк1э къызэрагъэпэща 1уэхугъуэм кърихьэл1ахэм зыщаплъыхьащ республикэм и щ1ып1э дахэхэм. Щы1ахэщ 1уащхьэмахуэ лъапэ, Шэджэм псы къелъэхэм, Гуэл Щхъуант1эм. Фестивалым и лэжьыгъэм кърик1уэу къэралым и щ1ыналъэ 40-м щыщ журналистхэм традзэнущ лэжьыгъэхэр. « Моя провинция» Урысейпсо медиафестивалыр гуф1эгъуэ щытык1эм тету зэхуащ1ыжынущ нобэ. Пшыхьым щагъэлъап1энущ тхыгъэ купщ1аф1э зи 1элакъэ къыщ1эк1а , пажэ хъуахэр.
Р Губжокова