Урысейм  и Правительствэм       мэкъумэш промышленнэ  комплексыр  егъэф1ак1уэн  1уэхугъуэхэм  къриубыдэу  жылапхъэхэр   къыщагъэхъу  1энат1эщ1эхэр  къызэ1узыхам, къэзыгъэщ1эращ1эжам  абы   мылъку  хэлъхьэныгъэу  хуащ1ам    и  процент  50-р  хухилъхьэжынущ.   Мы  1уэхугъуэр  щхьэпэ  хъунущ   1уэхэгъуэмк1э   проектым  ихьар  къыхахыжын,   фейдэ  къаритынк1э.  Къэрал  дэ1эпыкъуныгъэм  хеубыдэр   хьэрычэтыщ1э,   бдзэжьей   къэзыгъэхъухэрик1.    Абы  субсидияу  къратыжынущ 1уэхугъуэм   трагъэк1уадам  и  процент  20 – р.   Мылъку  къахуэсэбэпынущ   бдзэжьей шхын   къащэхун,   1энат1эхэр   зыхуей  — зыхуэныкъуэк1э   къызэгъэпэщын   теухуауэ.

Премьер – министр  Мишустин  Михаил  зэрыжи1эмк1э,  дэ1эпыкъуныгъэмк1э  1уэхугъуэхэр ирагъажьэнущ   гъэ  къак1уэ.  Мэкъумэш хозяйствэм   зыужьыныгъэ  и1энк1э   щхьэпэныгъэ  и1эщ   мы   унафэм.

от admin