Дзэ къулыкъум ираджэм зыщ1эгъакъуэныгъэк1э 1уэхугъуэхэр Кавказ Ищхъэрэ Федеральнэ щ1ыналъэм япэу къыхэзылъхьар Къэбэрдей – Балъкъэрыращ. Абык1э хъыбар и Telegram-каналым щытридзащ республикэм и 1этащхьэ К1уэк1уэ Казбек. Абы етх: « Урысей Федерацэм и ц1ыхухэр дзэ къулыкъум зэрыраджэм теухуауэ президент Путин Владимир къыдигъэк1а унафэр гъэзащ1эным ипкъ итк1э Къэбэрдей – Балъкъэрым и Совбезыр хэту зэ1ущ1э щедгъэк1уэк1ым дыубзыхуащ щ1ыналъэм щыщ дзэ къулыкъум ираджэм социальнэ дэ1эпыкъуныгъэу хуэтщ1энур».- 1уэхугъуэм теухуауэ унафэ щхьэхуи къыдигъэк1ащ. 1этащхьэм и псалъэхэмк1э, мобилизацэк1э ираджам, къулыкъум щы1эхук1э мазэхьэкъыу хуагъэувынущ сом мин 25 –рэ, у1эгъэ хъумэ фэбжь къытехуам и хьэлъагъ елъытауэ сом мин 100 — сом мин 300-рэ хуагъэхьынущ, зауэл1ыр хэк1уадэмэ и унагъуэм сом мелуан иратынущ.
Къыхэгъэщыпхъэщ, Путин Владимир 1э зэрыщ1идзар Щ1эныгъэ нэхъыщхьэ, курыт 1эщ1агъэ щрагъэгъуэт къэрал еджап1эм махуэ еджэу, заочнэу щ1эсхэр къулыкъум зэрырамыджэнумк1э унафэм. Ар япэу щ1эныгъэ зрагъэгъуэтмэ. Итщ Кремлым и сайт напэк1уэц1ым.